» Разработка урока родной литературы в 8 классе
Информация к новости
  • Просмотров: 168
  • Автор: Adm
  • Дата: 16-12-2022, 10:42
16-12-2022, 10:42

Разработка урока родной литературы в 8 классе

Категория: ---

8 класс, родная литература, учитель Саитова Ф.Д.

Темэр: Нало Заур «Ц1ыху напэ».

Мурадхэр:

«Ц1ыху напэ» балладэм и иужьрей

щхьэр зэпкърыхын; балладэм щ1элъ

нэхъыщхьэр – ц1ыхум и напэм, ц1ыхугъэм нэхъ

лъап1э, нэхъ лъагэ зэрыщымы1эр еджак1уэхэм

зыхегъэщ1эн, еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьын.

Урокым къыщыбгъэсэбэпыпхъэхэр:

1. Нало Заур и сурэтыр, и тхыгъэхэр (тхылъхэр).

2. Балладэм щыщ пычыгъуэхэм еджак1уэхэм хуащ1а сурэтхэр.

3. Удым и фащэ, л1ыжьым и фащэ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.

1. Урокым еджак1уэхэм къапэщыт къалэнхэм щыгъуазэ щ1ын.

— Нобэ, ц1ык1ухэ, дэ пытщэнущ Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм теухуа псалъэмакъым.

Япэ щ1ык1э унэ лэжьыгъэу ди1ар къэтпщытэжынщ. Япэ упщ1эр зытеухуауэ щытыр Нало Заур и гъащ1эм щыщ 1уэхугъуэхэрщ. Доскам псори доплъ.

Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:

Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?

1. 1928гъ. 4. 1954гъ.

2. 1948гъ. 5. 1956гъ.

3. 1952гъ 6. 1959гъ.

1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.

1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.

1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.

1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.

1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.

— Дигу къэдывгъэк1ыжыт балладэк1э зэджэр?

— Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»; Нало Заур «Ц1ыху напэ»; Жуковскэм «Светланэ», «Кубок» тхыгъэхэр.

— Нало Заур «Ц1ыху напэ» балладэр хэт фэеплъ зыхуищ1ар?

— Нало Заур балладэр фэеплъ зыхуищ1ар Щоджэнц1ык1у Алийщ.

— Балладэм и прологымрэ япэ 1ыхьэмрэ зытеухуар дигу къэдывгъэк1ыж. Хэт жи1эн, гъуэгурык1уэм къыхуэзэр хэт?

— Псы хуэл1эу и нэр щыунк1ыф1ык1ыу къэмэхауэ пшахъуэм хэлъ л1ым кърохьэл1э удыр.

— Авторым удым характеристикэ щрит пычыгъуэр къэвгъуэти фыкъысхуеджэ, ик1и къызжеф1эт сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ усак1уэм?

— Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр

Хуэдэщ къэдахьам

Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр

Ещхьу хуэш хыхьащ.

— Нало Заур удым характеристикэ щритым деж къигъэсэбэп художественнэ – изобразительнэ 1эмалыр зэгъэпщэныгъэщ.

— Хэт дигу къигъэк1ыжын зэгъэпщэныгъэк1э зэджэр?

— Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.

— Сыту п1эрэ удымрэ л1ымрэ зэраухыл1ар?

— Л1ым иригъэфа псы фалъэм и уасэу илъэс къэс зы тыгъэ гуэр къритын хуейуэ хуигъэуващ удым, л1ыри абык1э арэзы хъуащ.

— Япэ илъэсым сыт (тыгъэу) удым л1ым къыпиубыдащ и напэр.

— Арэзы хъурэ абык1э л1ыр, иритрэ удым и напэр?

— Хьэуэ, л1ыр абык1э арэзы хъуркъым. Абы и напэр зэритын мы дунейм теткъым.

— Дауэ зэгуры1уэрэ л1ымри удымрэ япэ илъэсым.

— Л1ым и напэм и п1эк1э и бзэр удым иритащ.

— Адэк1э еджак1уэхэм ягъэува теплъэгъуэм (балладэм щыщ пычыгъуэмк1э) деплъынщ.

— Л1ыжьыр – Къэнщэуей Мухьэмэд

Удыр – Щоджэн Фатимэ

Авторыр – Бекъалды Линэ.

II. Темэщ1эр егъэджын.

1. – Адэк1э, ц1ык1ухэ, дэ зэпкърытхыну ди къалэнщ балладэм и иужьрей 1ыхьэр.

(Балладэм и иужьрей 1ыхьэр ролхэр теугуэшауэ еджак1уэхэр зэхэщ1ык1ыгъуэу, гъэхуауэ къегъэджэн).

Еджак1уищ пычыгъуэм къоджэ, адрейхэр тхылъымк1э к1элъоплъ.

2. Доскам ф1элъ сурэтхэмк1э гъэлэжьэн.

— Мы сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуахэр къызыхэщ пычыгъуэхэм къеджэн.

Япэ сурэт.

— Хадэ ипщ1эу хэтти л1ыжьыр

Ф1анэр 1эпыхуащ.

«Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ» —

удыр л1ыр ебгащ.

Ет1уанэ сурэт:

— Гъатхэ хъуащи ещанэгъэр

Пц1ащхъуэр уэгум щос.

Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыр зпнщ1эу къос.

Ещанэ сурэт:

— Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ.

Анэ псоми и быдзышэм.

Бынхэм хухалъхьащ.

3. Доскам ит упщ1эхэмк1э долажьэ.

Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.

Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?

— Напэр итын имыдэу л1ым удым иритащ и нэр.

Къык1элъык1уэ илъэс ещанэм сыт удым л1ым къыпиубыдар?

— Ещанэ илъэсым псы фалъэ зэфам и уасэм уыдым напэр ихьыну къытригъэзащ.

Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?

— Л1ым и напэр 1ихын щхьэк1э удым абы къритыжырт 1иха и нэри, и бзэри, дунейм ф1ыгъуэу тетри, ауэ л1ыр къыхудэхьэхакъым, къыхуэгъэдэ1уакъым.

Иджы девгъэгупсысыт сыт хуэдэ гупсысэу п1эрэ балладэм щ1элъыр? Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?

— Сэ къызэрыслъытэмк1э, удыр мы балладэм къызэрыхэщыр ем и л1ык1уэщ. Л1ыр ф1ым и телъхьэщ. Л1ымрэ удымрэ я образымк1э усак1уэм дигъэлъагъу емрэ ф1ымрэ зэрызэпэщ1эувар, а зэныкъуэкъуныгъуэми ф1ыр зэрытек1уэр.

— Сэ сызэригугъэмк1э, удыр хуейт л1ым и напэр къы1ихыу ц1ыху напэншэ

ищ1ыну. Напэншэм сытри къуищ1эфынущ къодыгъуэфынущ, къозэуэфынущ. Уеблэмэ, уиук1ыфынущ. Ахэр псори 1ейщ. Удым л1ыр къыхуэгъэпц1акъым. Жып1э хъунущ, л1ыр 1ейм пэщ1эувауэ ик1и тек1уауэ. Нэгъуэщ1 ц1ыхухэм 1ей ярищ1эу псэу нэхърэ л1эмэ нэхъ къищтащ абы. Удым и гугъат л1ыр къигъэсэбэпу 1ейр игъэбэгъуэну, ауэ къехъул1акъым. Мы балладэм щ1элъ гупсысэр, сызэригугъэмк1э, ф1ыр сыт щыгъуи 1ейм зэрытек1уэращ.

Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?

— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.

Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.

— Псэр ящэри напэ къащэху.

— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.

-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.

— Напищэ нэхърэ зы напэ.

— Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?

— Нало Заур и балладэр Щоджэнц1ык1у Алий. Сэ къызэрысщыхъумк1э, фэеплъ щ1ыхуищ1ар мыращ: нэмыцэ концлагерым щисам бийм къыпиубыдауэ щытащ нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм я тек1уэныгъэхэр зыгъэлъап1э усэ иригъ итхын хуейуэ. Арщхьэк1э Алий и Хэку, и напэ епц1ыж нэхърэ л1эмэ, гъащ1э итмэ нэхъ къищтащ. Нэмыцэ1уэм Алий къыдисахэм къызэра1уатэжамк1э, абы куэдрэ жи1эрт «Зи лажьэр к1уэду зы1уэтэжынха адыгэ напэр фымыгъэулъий, зывмигъэдзыхэу ди нэмысыр фхъумэ». Ик1и жып1э хъунущ Щоджэнц1ык1у Алий и напэм, и ц1ыхугъэм, и Хэкум емыпц1ыжу а псом щхьэк1э гъащ1эр итауэ.

Пэжщ, Щоджэнц1ык1у Алий илъагъу хъууэ щытакъым, нэмыплъ иритырт зи напэм, зи Хэкум епц1ыжа, ц1ыхугъэ зыбгъэдэмылъ ц1ыхухэм. «Зи напэ епц1ыжа ц1ыхум и 1эр ф1еипсым хэлъу и гъащ1эр ехь», — жи1эрт абы.

И дунейтетык1амк1и, и къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.

— Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэл1э мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэ 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абыхэм къагуры1уэкъым мылъкур уэсэпсу зэрыщытыр. Уэсэпсым ещхьу мылъкур к1уэдыжынущ. Къэнэнур напэмрэ ц1ыхугъэмрэщ. Ар зыщывмыгъэгъупщэ фигу илъу фыпсэумэ, ц1ык1ухэ, пщ1э къыфхуащ1у дунейм фытетынщ.

4. Урокым жыдшэру щылэжьа еджак1уэхэм оценкэхэр яхуэгъэувын.

III. Кнэ лэжьыгъэр етын.

1. Балладэм и ещанэ пычыгъуэр (1ыхьэр) гук1э зэгъэщ1эн.

2. Сурэт щ1ыным дихьэххэм балладэм щыщу ягу ирихьа теплъэгъуэхэм и сурэт ящ1ыну.

IV. К1эух псалъэу.

— Адыгагъэр, ц1ыхугъэр, напэр зыгъэлъэп1эн.

Дэтхэнэ зыри тхьэшхуэм фищ1,

Фи адэ – анэхэр фымыгъэук1ытэу,

Фи нэмысыр лъагэрэ фи акъылыр жану,

Нэхъыжь и жы1э фемыбакъуэрэ

Нэхъыщ1эм гулъытэ хуэфщ1ыфу

Ныбжьэгъухэм пщ1э къыфхуащ1урэ

Фахэмытым къыфхуэзэшу

Узыншэу дунейм куэдрэ фытетыну сыфхохъуахъуэ!


Уважаемый посетитель, Вы зашли на сайт как незарегистрированный пользователь.
Мы рекомендуем Вам зарегистрироваться либо войти на сайт под своим именем.
^